Текст песни Астемир Теркулов – Сыт къэхъуар

Уи гур хэщIу, уей, уогъыр, сыт къэхъуар?
ЖыIэт псынщIэу, уей, сыт уи жагъуэ хъуар?

ГъащIэ дахэр уи нэкIущхьэм
Дыгъэу щызгъэблэнщ
Псалъэ гуауэр хэщI уи гущхьэм
Си щызгъэгъупщэнщ

Уи гурылъхэр, уей, уэ къысхуэунэщI
Уи насыпхэр, уей, си псэм уэ къегъэщI

ГъащIэ дахэр уи нэкIущхьэм
Дыгъэу щызгъэблэнщ
Псалъэ гуауэр хэщI уи гущхьэм
Си щызгъэгъупщэнщ

Удзыпэ цIыкIуу, уей, щIым къыхэжым
Уи нэ къабзитIкIэ, уей, уодэхащIэ

ГъащIэ дахэр уи нэкIущхьэм
Дыгъэу щызгъэблэнщ
Псалъэ гуауэр хэщI уи гущхьэм
Си щызгъэгъупщэнщ

Къурш псынэ къабзэу, уей, си гурыщIэхэр
Уи нэ гуапитIым, уей, ящI IурыщIэ

ГъащIэ дахэр уи нэкIущхьэм
Дыгъэу щызгъэблэнщ
Псалъэ гуауэр хэщI уи гущхьэм
Си щызгъэгъупщэнщ

Понравился текст песни?
Оставьте комментарий ниже

Поделиться или сохранить к себе: